Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

щхьэл мывэ

  • 1 щхьэл

    мельница
    / Гъавэ зэрахьэж Iэмэмпсымэ зыщIэт унэ, гъавэр щахьэж.
    Iэ щхьэл.
    * Псы къелъапIэм и деж тетщ щхьэлыр. Щ. Ам.
    щхьэл гудзэ лопасть мельничного колеса
    / Щхьэл шэрхъым псыр зытехуэу хэбдза пхъэбгъу.
    Щхьэл гудзэр хэлъхьэжын.
    щхьэл кхъуафэ желоб для подачи воды на мельничное колесо
    / Псыр щхьэл шэрхъым зэрежалIэ кхъуафэ.
    щхьэл лъэмб гнездо, в которое упирается нижним концом вертикальный стержень, поддерживающий и приводящий во вращательное движение верхний жернов мельницы
    / И щIыIу щхьэл мывэр зытегъэщIа икIи зыгъэкIэрахъуэ гъущI баш кIыхьыр и лъабжьэмкIэ зэрыт лъэмб.
    щхьэл мывэ жернов
    / ТекIэрэхъухьурэ гъавэр зыхьэжу щхьэлым хэлъ мывэ хъуреишхуэ.
    Щхьэл мывэ хэхын.
    щхьэл уадэ мельничный молот
    / Щхьэл мывэр зэрауIу уадэ.
    щхьэл шэрхъ мельничное колесо
    / Щхьэлыр лэжьэн щхьэкIэ псыр зэуэу кIэрахъуэ шэрхъ.
    Щхьэл шэрхъыр псым кърехуэкI.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щхьэл

  • 2 мывэ

    камень
    / Зи инагъкIэ, зи теплъэкIэ зэхуэмыдэу бгы къырхэкI Iыхьэхэр. Мывэ быдэ.
    * Мывэ къэщтэн. Мывэр куэдрэ щылъмэ, жыглыц къытокIэ. (погов.)
    Мывэ зэпыхын выполнять очень трудную работу. ( букв. распиливать камни).
    Мывэ уэшх къешхами что бы ни случилось.
    * Мывэ уэшх къешхами, къызэмыхьэлъэкIыу губгъуэм сыбдисынщ, сэ си псэ. Сов. Къэб. ифольк.
    мывэ джей булыжник
    / Мывэ хъурей джафэ.
    * Испыхэм я унэхэр мывэ джей зэупсеят. Нарт. ЦIыкIухэм къыщIахьэри къыщIэнауэ мывэ джей хъуреижь щIэлът хьэщIэщым. Н. З.
    мывэ къалэ крепость
    / Мывэм къыхэщIыкIа быдапIэ.
    Мывэ къалэ ухуэн. Мывэ къалэм дэсын.
    мывэ къурш см. мывалъэ.
    * Мывэ къуршым хэту къущхьэхъу даху Iэщхэм я лъэгур щIихырт. Iуащхь. Мывэ къуршым мэш трасэркъым. (погов.)
    мывэ сэрей каменная ограда
    / Хадэ, пщIантIэ, щIыхьэпIэ сыт хуэдэхэр къызэрыхухьа мывэ блын.
    * ТIэкIу зебэу ар куэбжэм дэкIри мывэ сэрей къуапэм къухьащ. Къу. С.
    мывэ фамыщI каменный уголь
    / КIанэурэ, мывэ такъыр теплъэ иIэу щIым къыщIах гъэсыныпхъэ.
    Мывэ фIамыщI къыщIэхын. Мывэ фIамыщI гъэсын.
    мывэ хэхыпIэ каменный карьер
    / Ухуэныгъэм е нэгъуэщI щIыпIэ къыщагъэсэбэп хъун мывэ къыздыдах щIыпIэ.
    Мывэ хэхыпIэм лъэрмывэпхъэ (щхьэл мывэ) къыхэхын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мывэ

  • 3 псы

    I 1. вода
    / Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэ.
    * Шыгъу зышхар псы йофэж. (погов.) Псыр псэ пылъхьэжщ. (погов.)
    2. река
    / Псыежэх.
    * Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кIэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкIэ хъунут. Т. Хь. Псы икIыгъуэм унэмысу уи кIэр думыхьей. (погов.)
    Псибл икIын кануть в вечность (букв. оно уже за семью реками). Псы гъэва кипяченная вода.
    * Пщэдджыжьым ХьэтIутIэ псы гъэвакIэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лIыщIапIэм къэкIуащ. Ж. Б.
    Псы игъэжыхьыжын разорить дотла подчистую что-л.
    * ЖьакIэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриIащ Уэзырмэс нартхэм. Нарт.
    Псы мэхын = псы хуэлIэн.
    Псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын в мутной воде ловить рыбу.
    Псы хыхьэн пропитаться водой.
    * ЦейлъэщIым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкIэ нэхъ уэндэгъу хъуащ. Япэу лъ. з.
    Псы хуэлIэн испытывать жажду.
    * Ажэр псы хуэлIэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ. Япэу лъ. з.
    Псы щIэгъэуэн затопить.
    Псы щIэуауэ къэнэн остаться ни с чем, разориться.
    Псым итхьэлэн утонуть.
    * Бдзэжьей цIыкIу псышхуэ итхьэлэрэ? (погов.) Инжыдж узэпрыкI хъуну псытэкъым - шыбэри Iэщ хъушэри итхьэлащ. Нарт.
    Псым иубыдын = псы хуэлIэн.
    * Пхъэри ислъхьауэ, тIэкIуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкIэ сежьащ. Е. К.
    Псым тхъу техын переливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло).
    Псым хуэдэу къэфэн танцевать плавно (букв. танцевать как вода).
    Псым хуэдэу уаулъагъу! Чтоб тебя ( люди) стали ценить так же, как и воду!
    Псым щIилъэфэн пойти ко дну, утонуть.
    Псыр щIэкIын высыхать.
    псы бабыщ серая утка
    / Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ.
    Псы бабыщым и лыр IэфIщ.
    псы бзу оляпка, водяной воробей
    / Зи дамэхэр кIэщI, бзу гъуабжэ кIагуэ лъакъуэ кIыхь цIыкIу.
    Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Iуфэ пабжьэ зэгъуэкIхэрщ.
    / ЩIыIубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щIэж псыхэм щопсэу.
    псы дэгъэуэхыпIэ место пуска воды по определённым руслам
    / Псыр зыхуей кIэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щIапIэ.
    * Псы дэгъэуэхыпIэ щIын.
    псы джэд лысуха ( птица)
    / Шэдыр зи псэупIэ джэд лъэпкъ.
    Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым.
    псы дзыгъуэ водяная полевка ( водяная крыса)
    / Псым щыпсэу дзыгъуэ.
    Псы дзыгъуэм пыт кIэ кIэщIыр щескIэ къегъэсэбэп.
    псы ефапIэ водопой
    / Iэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яIэ щIыпIэ хэха.
    Шыхэр псы ефапIэм хун.
    псы жапIэ см. псы бэкъу.
    * Псы жапIэу дэ тхуащIахэм Тэрч IурыщIэу тетщи къожэр. П. Б.
    псы зешапIэ водопровод
    / Псыр бжьамийхэмкIэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ.
    Къуажэхэм псы зешапIэхэр щащIащ.
    псы ина лужа
    / Уэшх нэужьым, уэсыр щыткIукIэ е псы къытеуа нэужь кумблIэмбхэм къинэ псы.
    Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ.
    псы куу глубоководный
    / Зи гущIыIумрэ зи лъащIэмрэ зэпэIэщIэ псы.
    Псы куухэм кхъухь щызокIуэ.
    / Псыежэх цIыкIу.
    псы кIэнтхъ незначительный остаток воды ( после запруды или пересыхания)
    / Псы кIэкъинэ.
    Псы кIэнтхъ икIутын.
    псы къиуа разлив, половодье
    / Уэсымрэ мылымрэ куэду ткIууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ.
    Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн.
    псы къыпыжыпIэ водосток
    / Псыр къыщыпыж, къызыпыж.
    Псы къыпыжыпIэр пыщтыкIат.
    * Псы къыпыжыпIэм пэгун щIэгъэувэн.
    псы къыхэжыпIэ исток реки
    / Псыежэхым и къежьапIэ.
    псы къуэкIий см. псыбэкъу.
    * Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкIийм долъадэ. Щ. Ам.
    псы нэпкъ обрывистый крутой берег
    / Псы Iуфэ задэ.
    псы ныджэ пойма реки
    / Псы къыщиуам деж щIигъанэ щIыналъэр.
    * Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ... Къэб. п. и ант.
    псы уэрыпIэ стремнина ( в реке)
    / Псыежэхыр нэхъ щыуэр щIыпIэ.
    Псы уэрыпIэм щынэсым шур шым кърихьэхащ.
    псы хэлъэдапIэ устье реки
    / Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщI псыежэхым щыхэхуэж щIыпIэ.
    псы хэхуапIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хэхуэжыпIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник
    / Уз гуэрхэм зэреIэзэ псы.
    Ди республикэр псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ.
    псы хьэлывэ вареник
    / Кхъуейлъалъэ, кIэртIоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цIыкIу.
    Псы хьэлывэ щIын.
    псы хъумапIэ водохранилище
    / Псы щахъумэн папщIэ ящIа гуэл IэрыщI.
    / КIэпIащIэ зиIэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ.
    псы щхьэл водяная мельница
    / Псым игъэхьэжэ щхьэл.
    / Псым и лъащIэ.
    Псыр къабзэти псы щIагъым щIэлъ псори плъагъурт.
    псы щIагъ кхъухь подводная лодка
    / Псы щIагъым щызекIуэ кхъухь.
    Псы щIагъ кхъухьым къулыкъу щыщIэн.
    псы IэфI газированная вода с сиропом
    / Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс IэфI зыхэкIа псы.
    Псы IэфI ефэн.
    псы Iуб глоток воды
    / Псы ткIуэпс, гъаткIуэ, псы еIубыгъуэ.
    * Пхъэру къажэм псы Iуб ягъуэткъым. фольк. Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Iуби сIухуакъым. Нарт.
    псы Iуфэ берег реки
    / Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитI псым хуэгъэзар.
    * КIукIуэ нэпкъым ехри псы Iуфэм Iулъ мывэ гуэрым тетIысхьащ. Iуащхь. Псы Iуфэм Iусым икIыпIэр ещIэ. (погов.)
    Псы Iуфэ мылу зыIуегъэхын убраться, уйти с глаз долой.
    Псы Iуфэ мылу IугъэсыкIын заставить кого-л. уйти, убраться.
    * Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтIысамэ, псы Iуфэ мылу IуигъэсыкIырт. Къэб. таур.
    псы Iуфэ бзу трясогузка ( птица)
    / Псыхъуэм дэсырей бзу кIэ кIыхь цIыкIу; мывэкIэпыс.
    II 1. шнурок
    2. ручка чего-л.
    / Сумкэ, портфель с. ху. яIэ убыдыпIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > псы

  • 4 щхьэлкъуэкI


    Iэрыхьэжэ мывэ щхьэл цIыкIум и кIыр лъагэу ищхьэмкIэ щыпыщIат хуиту иджэрэзыхьу, щхьэлыщхьэ мывэми абы и кIапэр зырагъэувэ кумб иIэти, Iэгум щIэмыджэрэзыхьу ирагъэкIэрахъуэт, арат щхьэлкъуэкIыр
    подвешенная наверху, свободно вращающаяся ручка домашней маленькой мельницы

    Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр > щхьэлкъуэкI

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»